Абгъуэ
Абгъуэ[1] (лат-бз. Malva mauritiana) — щыгъуэлъхьэн, къышырашын, захъумэн папщӀэ къуалэбзухэм я ухуэныгъэщ.
ТеплъэкӀи, щӀыкӀэкӀи, къызыхахкӀи, уаздыпэщӀэхуэ щӀыпӀэкӀи хуабжьу зэщхьэщокӀ. КъызэрыкӀуэщ джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм ящӀыр: кумб чэнжым и лъащӀэм щӀэдзын мащӀэ илъу аращ. БанэщӀэжым ейр топым хуэдэу зэпэхъуреибзэщ, ихьэпӀэр ибгъумкӀэ щыӀэу. ПцӀащхъуэм ятӀэр и ӀупсымкӀэ зэкӀэришхэурэ абгъуэр еухуэ. Ипщэ Азиэм щыпсэу хьэпцӀащхъуэ лӀэужьыгъуэхэм ейр зэрыщыту хьэуам щыдия Ӏупс къабзэщ, цӀыхухэм яфӀэфӀу яупщэфӀри яшх.
Тропик къуалэбзу щхьэхухэм я абгъуэхэр гуп-гупу зэхэту ящӀ, ауэ нэхъыбэм яйр зэпэщхьэхуэщ. ЗэмылӀэужьыгъуэ къуалэбзухэм я абгъуэхэр зэгъунэгъуу щащӀыр зэзэмызэ дыдэщ. ЩыӀэщ нэгъуэщӀ псэущхьэхэм я гъуэхэр абгъуэ папщӀэу къэзгъэщхьэпэр (бжьэндэхъугъуэжь, бжьэшх, бабыщхэр). Абгъуэ ящӀыркъым, къапщтэм, Аустралиэм щыӀэ джэд лӀэужьыгъуэ Ӏэл гуэрэхэм — пшахъуэм, е къэкӀыгъэ, пщӀащэ зэхэфыхьам хокӀацӀэри абыкӀэ я абгъуэ щӀынри, гъуэлъхьэжьынри, къишынри зэфӀокӀ.
ЩоджнцӀыкӀу Алий мы жыӀэкӀэм щӀагъыбзэ щӀилъхьащ социал (псэупӀэ, быдапӀэ, хъухъумэт) мыхьэна иритри:
« | Маржэ, бэ иныр фыхъейхи, Пщыхэм я абгъуэр ткъутэнщ |
» |
Еплъ иджыри
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
Гулъытыгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ Адыгэбзэ псалъалъэ (Словарь кабардино-черкесского языка) // Институт гуманитар. исслед. Кабард.-Балк. науч. центра Рос. акад. наук; [М. Л. Абитов и др.], Москва, 1999, ст. 19
Сурэтхэр Уикисурэтылъэм? |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ орнитологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |